хъумпIэцIэдж

хъумпIэцIэдж
муравей
/ Къэзыпщэпщыхь хьэпIацIэ цIыкIу лIэужьыгъуэ и щхьэмрэ и пхэмрэ гъуму, и бгыр зэпытхьэлыкIауэ.
* ХъумпIэцIэджым и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. (погов. ) ХъумпIэцIэджыр бзум зыпищIыжу лъатэри къуанщIэхэм яшхащ. (погов. )
хъумпIэцIэдж джэдыкIэ муравьиное яйцо
/ ХъумпIэцIэджхэм ящIу хьэдзэм ещхь шэжыгъакIэ хужь цIыкIухэр.
* Уэлбанэ нэужьым хъумпIэцIэджхэм я джэдыкIэ псыфхэр дыгъэм къыдрахьей ягъэгъущыну. Гъу. Л.
хъумпIэцIэдж Iуащхьэ муравьиная кочка
/ ЯтIэ щыкъуейхэмрэ шхийхэмрэ зэхэгъэзэрыхьауэ хъумпIэцIэдж къыдравей къандзэгу цIыкIухэр.
* КъуийцIыкIу къамыл псыгъуэ кIыхьым и гъуанэм фоупс тIэкIу ирикIэри хъумпIэцIэдж Iуащхьэм хигъэлъэдащ. фольк.

Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.

Игры ⚽ Нужен реферат?

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»